Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Фессалоникэ II 1:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 А цӀыхухэр Зиусхьэным и напэмрэ щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ япэжыжьэу, мыухыж кӀуэдыныгъэр Тхьэм Ӏыхьэ яхуищӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Фессалоникэ II 1:9
38 Iomraidhean Croise  

Къызэхахащ махуэм и щӀыӀэтыӀэгъуэм жыг хадэм къыщызыкӀухь Зиусхьэну Тхьэм и макъыр; икӀи зыщагъэпщкӀуащ Ӏэдэми абы и фызми Зиусхьэну Тхьэм и нэплъэгъуэм, жыг зэхуакухэм зыдадзэри.


Къаин Зиусхьэным и пащхьэм икӀыжри Нод щӀыналъэм итӀысхьащ – Ӏэдэн уикӀмэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэм.


Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;


Уэ блэжьам папщӀэ щӀыхь пхуэсщӀынщ игъащӀэкӀэ; уи хъыбар уи цӀыху лъапӀэхэм зэлъезгъэщӀэнщ узэрэфӀым папщӀэ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ: «А лӀым и Ӏэхэри и лъакъуэхэри фыпхи, кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ».


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ икӀи дунейм тет лъэпкъ псори гъыурэ я бгъэм еуэжынущ абы щыгъуэ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.


– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.


Ауэ сэ абыхэм занщӀэу яжесӀэнущ: «Сэ зэи фысцӀыхуакъым. Си пащхьэм фикӀ фэ бзаджащӀэхэр».


– Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым. ФызбгъэдэкӀ, фэ бзаджащӀэ псори!»


А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.


А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.


«Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.


Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


А цӀыхухэр псынэ гъужам икӀи жьышхуэм зэрихуэ пшэхэм яхуэдэщ. МыкӀуэдыжын кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм абыхэм Ӏыхьэ яхуищӀащ.


Апхуэдэу иджырей уафэхэмрэ щӀылъэмрэ а псалъэ дыдэмкӀэ Тхьэм мафӀэр хухихащ. Тхьэм цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынурэ, езым и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр щыкӀуэдыну къемэтмахуэм нэсыху ахэр къигъэнэнущ.


Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.


Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.


МелыӀычхэм лӀэныгъэри лӀахэм я дунейри мафӀэм ис хым хадзащ итӀанэ. МафӀэм ис хыр етӀуанэ лӀэныгъэращ.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan