Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Фессалоникэ II 1:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Фессалоникэ II 1:8
59 Iomraidhean Croise  

Кърихущ Тхьэм Ӏэдэм, гъащӀэ къэзыт жыгым хуэкӀуэ гъуэгур яхъумэн папщӀэ, Ӏэдэн жыг хадэм и къуэкӀыпӀэмкӀэ Ӏуигъэуващ херувим мафӀэ къызыпих джатэ зызыгъазэмрэ.


Уэ нэщхъеягъуэ щӀакхъуэкӀэ дыбгъэшхащ, нэпс бэ дыдэ щӀэдбгъэгъэкӀащ.


Зиусхьэныр быдапӀэ яхуохъу яужьыгуахэм, махуаем Ар я хъумапӀэщ.


ФынакӀуэ, ди Зиусхьэным щӀыхь уэрэд хужыдвгъэӀэ, ди хъумакӀуэу ди къегъэлакӀуэм гуфӀэгъуэ макъ хуэдвгъэӀэт.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.


Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.


ИтӀанэ къеупщӀащ: – Дэнэ щыӀэ уи Адэр? – Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.


Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.


Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.


Апхуэдэу щыт пэтми, хъыбарыфӀым едэӀуэн цӀыху куэдым ядакъым. Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Зиусхьэн, хъыбарыфӀу цӀыхухэм яхуэтӀуатэр хэт зи фӀэщ хъуар?»


Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ.


Фэ фщӀэркъэ зыгуэрым и пщылӀхэм хуэдэу федэӀуэну и ӀэмыщӀэ зифлъхьэмэ, а цӀыхум пэжу фрипщылӀ зэрыхъур? Гуэныхь щӀэным фрипщылӀмэ, лӀэныгъэм и гъуэгу фрокӀуэ, ауэ Тхьэм федаӀуэмэ, щыпкъагъэ фиӀэу филъытэнущ.


ЕкӀугъэм фытету зыкъэфщӀэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зымыщӀэ цӀыху гуэрхэр къыфхэтщ. ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, жызоӀэ ар.


цӀыхухэм Тхьэр зэращӀэным пэувыну зыкъэзыӀэт пагэныгъэ псори догъэкӀуэд, сыт хуэдэ гуращэри Мэссихь хуэӀурыщӀэну доубыд.


Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?


БлэкӀа зэманым Тхьэр фымыщӀэу фыщыщытам, тхьэкӀэ зэджэ тхьэ нэпцхэм фахуэлэжьащ.


ауэ хьэкум шынагъуэу Тхьэм къыттрищӀыхьынумрэ Тхьэм пэувхэр зыхисхьэну мафӀэшхуэмрэ къытпоплъэ.


Мыпхуэдэу жызыӀа Зиусхьэныр дощӀэ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ; абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ». ИтӀани жиӀащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ».


Ибрэхьим и ӀыхьэфӀ хъуну къэралым кӀуэну Тхьэм къыщыхуриджам, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм едаӀуэри, здэкӀуэнур имыщӀэу щыта пэтми, итӀани гъуэгу техьащ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Тхьэр псори зыс мафӀэщ.


Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.


И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,


Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.


Апхуэдэу Сарэ, тхьэмадэкӀэ еджэурэ, Ибрэхьим дэпсэуащ. ФӀы щыфщӀэкӀэ зыми фыщымышынэмэ, фэри Сарэ фрибынщ.


Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?


Апхуэдэу иджырей уафэхэмрэ щӀылъэмрэ а псалъэ дыдэмкӀэ Тхьэм мафӀэр хухихащ. Тхьэм цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынурэ, езым и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр щыкӀуэдыну къемэтмахуэм нэсыху ахэр къигъэнэнущ.


Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.


Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Ахэр макъышхуэкӀэ къэджащ: «Уэ Зиусхьэн лъапӀэ икӀи щыпкъагъэ зиӀэ Зиусхьэн, ди лъыр зыгъэжауэ дунейм тет цӀыхухэм я хьэкумыр щатепщӀыхьынум икӀи яхуэфащэр щебгъэпшыныжынум сыт пщӀондэ дыпэбгъэплъэну?»


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan