Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Фессалоникэ II 1:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Фэ гузэвэгъуэ фыхэзыдзэ цӀыхухэр гузэвэгъуэм хидзэжыну Тхьэм захуагъэу елъытэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Фессалоникэ II 1:6
18 Iomraidhean Croise  

Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэм и бзаджагъэм хуэфащэр иригъэпшыныжынущ; Зиусхьэныр цӀыхухэм я фэм емыплъу, абы цӀыху псори и зэхуэдэщи.


Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.


Хамэ лъэпкъхэр губжьащ, уэ уи губжьри къэлъэгъуащ. ЛӀахэм хьэкум щатепщӀыхьыну зэманыр къэсащ иджы. Уэ къыпхуэлажьэ бегъымбархэми, уи цӀыху лъапӀэхэми, уи фӀэлӀыкӀ зи гум илъ цӀыхухэм, – цӀыкӀуми, инми, – яхуэфащэ ӀыхьэфӀыр щебгъэгъуэтыну зэманри къэсащ. ЩӀылъэр зыгъэкӀуэд цӀыхухэр уэ щыбгъэкӀуэдыжыну зэманри къэсащ».


Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».


А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».


Бегъымбархэм ялъри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ялъри, щӀылъэм щаукӀа псоми ялъри а къалэшхуэм къыщагъуэтащ».


ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».


Ахэр макъышхуэкӀэ къэджащ: «Уэ Зиусхьэн лъапӀэ икӀи щыпкъагъэ зиӀэ Зиусхьэн, ди лъыр зыгъэжауэ дунейм тет цӀыхухэм я хьэкумыр щатепщӀыхьынум икӀи яхуэфащэр щебгъэпшыныжынум сыт пщӀондэ дыпэбгъэплъэну?»


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan