5 Иджы, гуащэ лъапӀэ, сынолъэӀу: ФӀыуэ дызэрывгъэлъагъу. Ар унафэщӀэм хуэдэу ныпхуэстхыркъым, ар япэм къыщыщӀэдзауэ диӀа унафэу щытщ.
Мыращ си унафэр: Сэ фэ фӀыуэ фызэрыслъэгъуам хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъун хуейщ.
ФӀыуэ фызэрылъагъуну аращ унафэу фхуэсщӀыр.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.
Зэшхэм хуэдэу фӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр ныфхуэстхыну лейщ. ФӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр Тхьэм фигъэщӀащ.
Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фӀыуэ фызэрылъагъуу щрет.
Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ.
Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха хъыбарыр мыращ: ФӀыуэ фызэрылъагъу.
Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.
Зыгуэрым, «Тхьэр фӀыуэ солъагъу», жиӀэ пэтми, и къуэшыр жагъуэу илъагъумэ, ар пцӀыупсщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ илъэгъуа и къуэшыр фӀыуэ зымылъагъум, нэкӀэ имылъэгъуа Тхьэр фӀыуэ илъагъун лъэкӀынукъым.
Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу.