Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Адэ лъапӀэм унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, уи бынхэм ящыщ зыкъом щыпкъагъэм тету псэууэ щыслъагъум, куэду сыгуфӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1:4
12 Iomraidhean Croise  

ФӀылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфӀыкӀыркъым, щыпкъагъэрщ зыхуэгуфӀэр.


ХъыбарыфӀым и щыпкъагъэм зэрытемытыр щыслъагъум, псоми я пащхьэм Петр щыжесӀащ: «Уэ ужурт пэтми, журт хабзэхэм утемыту, хамэ лъэпкъхэм я хабзэхэм утету уопсэу. АтӀэ сыт журт хабзэкӀэ мыжуртхэр бгъэпсэуну ущӀыхэтыр?»


Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


Сэ аргуэру фыкъызэрызэгугъуар Зиусхьэныр си псэм щыщу, куэду си гуапэ хъуащ. Нэхъапэми фыкъызэгугъурт, ауэ фыкъыздэӀэпыкъуну Ӏэмал вгъуэтакъым.


«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan