2 Щыпкъагъэр ди гум зэрилъым, игъащӀэкӀи зэрилъынум къыхэкӀкӀэ фэ фӀыуэ фыдолъагъу.
Сэ Адэ лъапӀэм селъэӀунурэ, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжын НэгъуэщӀ Гуэр къыфхуригъэхынущ абы. Ар игъащӀэкӀэ фи гъусэнущ.
Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.
ХъыбарыфӀым си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псори сощӀэ, хъыбарыфӀым фӀыгъуэу къыпэкӀуэм щыщ си Ӏыхьэр згъуэтын щхьэкӀэ.
ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ.
Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.
Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ.
Аращи, а Ӏуэхухэр влэжьу икӀи щыпкъагъэу фиӀэм быдэу фытет пэтми, ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкӀыжынущ.
Гуэныхь зыри димыӀэу жытӀэмэ, ди щхьэр къыдогъэпцӀэж, щыпкъагъи ди гум илъкъым.
Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр* зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, лъэкӀыныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Тхьэм и псалъэхэр фи гум илъщ фэ икӀи шейтӀаным фытекӀуащ.
Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэу цӀыхухэр зыщӀэхъуэпсхэри мэкӀуэдыж, ауэ Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэ цӀыхур игъащӀэкӀэ щыӀэнущ.