Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Ныфхуэстхыну сиӀэр куэдщ иджыри, ауэ тхылъымпӀэрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым. Ди гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ, фи деж сэ сынакӀуэу дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэным сыщогугъ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1:12
15 Iomraidhean Croise  

Мы Ӏуэхухэр щӀывжесӀар си гуфӀэгъуэр фигу илъыну, фи гуфӀэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкӀэщ.


– Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым.


Нобэр къэсыху, Адэм си цӀэкӀэ зыкӀи фелъэӀуакъым. ФелъэӀуи, фызэрелъэӀур къыфхуищӀэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ.


– Ауэ иджы уи деж сынэкӀуэжынущ. Дунейм сытетыху, мы псалъэхэр жызоӀэ, си гуфӀэгъуэр абыхэм ягу нэгъэсауэ илъ хъун щхьэкӀэ.


НысащӀэр зейр щауэр арщ. Ауэ щауэм и гъусэу абдежым щыту щауэм и макъыр зэхэзыхыр мэгуфӀэ. А гуфӀэгъуэ нэсыр сэри си гуфӀэгъуэщ.


Испание къэралым сыщыкӀуэкӀэ, фи деж сыныдыхьэнущ. Гъуэгу сынытехьэмэ, сыныфхыхьэу фыслъагъуну икӀи фи ныбжьэгъугъэм си гур игъэзагъэу гъуэгупщӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыфщогугъ.


Уи нэпсхэр си гум къэкӀыжу, си гум гуфӀэгъуэ из хъун щхьэкӀэ, услъагъуну сыхуейщ.


НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.


Псом хуэмыдэжу сыщӀывэлъэӀур фи деж Тхьэм щӀэх нызигъэгъэзэжыну фелъэӀунырщ.


Ди къуэш Тимофей щхьэхуиту къызэраутӀыпщыжар фщӀэну сыхуейщ. Мыгувэу къакӀуэмэ, абы сригъусэу фыслъагъуну сынэкӀуэнущ.


Мыр щӀэттхыр фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэщ.


Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan