Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1:10
14 Iomraidhean Croise  

ФызэгурызымыгъаӀуэ цӀыхум зэрэ тӀэурэ еущие, къомыдаӀуэмэ, пэӀэщӀэ зыщӀ.


Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.


Мы тхылъымкӀэ нывжетӀэм цӀыху гуэр емыдаӀуэмэ, а цӀыхум гу лъыфтэ, вгъэукӀытэн щхьэкӀи гъусэ фыхуэмыхъу абы.


Ныфхуэстхар мыращ: Фи къуэшу зыгуэрым зилъытэжми, абы зинэ ищӀэмэ, е нэпсеймэ, е тхьэ нэпцӀхэр игъэлъапӀэмэ, е нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьмэ, е ефакӀуэу щытмэ, е хъунщӀакӀуэу щытмэ, апхуэдэ цӀыхум гъусэ фыхуэмыхъу. Апхуэдэ цӀыхум икӀи фыдэмышхэ.


Абы фӀэхъус езыхым а цӀыхум илэжь Ӏуэху щӀэпхъаджэхэмкӀэ и Ӏыхьэгъу хуохъу.


Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.


Езыращ мыхъумыщӀагъэу иӀэ псоми Израилыр къаӀэщӀэзыхыжынур.


ЖиӀащ абдеж: – Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Нобэ си Ӏуэху къигъэкӀ, фӀы къыхуэщӀэ си тепщэ Ибрэхьим.


Мыпхуэдэ тхылъ ятхри, абыхэм иратащ: «Фи къуэшхэу апостолхэми нэхъыжьхэми, фэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ къуэшхэу Антиохие къалэм дэсхэми, Сирие, Киликие хэкухэм исхэми фӀэхъус фыдох.


Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan