Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Петр 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Петр 4:3
30 Iomraidhean Croise  

нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.


БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;


Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт.


Мэссихь щывмыщӀэм щыгъуэ, тхьэ нэпцӀ бзагуэхэм фыкъызэрырашэкӀам хуэдэу, а тхьэ нэпцӀхэм я деж фыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.


Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.


ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэр нахуэщ. Мыхэращ: Зинэ щӀэныр, гуфӀеягъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр;


зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.


Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan