Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Петр 1:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Петр 1:2
53 Iomraidhean Croise  

А махуэхэр нэхъ мащӀэ мыхъуатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Тхьэм а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀынущ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэӀунущ итӀанэ икӀи ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дуней лъэныкъуиплӀкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ имыщӀатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀащ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дунейм и лъэныкъуиплӀыкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?


Мыпхуэдэу жызыӀар Зиусхьэну мы Ӏуэхухэр куэд щӀауэ цӀыхухэм езыгъэщӀар арщ».


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ.


Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.


Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм, Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ:


Журтхэм хъыбарыфӀыр* зэрамыдам щхьэкӀэ фэ фи фӀагъ а Ӏуэхум къыхэкӀыу, Тхьэм и бий хъуащ ахэр. Ауэ Тхьэм журтхэр къызэрыхихам щхьэкӀэ фӀыуэ елъагъу, я адэшхуэхэм я хьэтыркӀэ.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


ХъыбарыфӀым фызэредаӀуэм и гугъу цӀыху псоми зэхахащ. Сэ сыфщогуфӀыкӀ, ауэ фӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀынуи, бзаджагъэ лъэпкъ фи щхьэм къимыхьэнуи сыхуейщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ.


Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.


цӀыхухэм Тхьэр зэращӀэным пэувыну зыкъэзыӀэт пагэныгъэ псори догъэкӀуэд, сыт хуэдэ гуращэри Мэссихь хуэӀурыщӀэну доубыд.


Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.


Мусэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, израил цӀыхухэм ӀутӀыж махуэшхуэр япэ дыдэ яригъэгъэлъэпӀащ, я бжэхэми лъы траутхэну унафэ яхуищӀащ, я щыпэлъхухэр зыгъэкӀуэд мелыӀычым имыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ.


ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъ зыщӀа Хьисэрэ абы лъыуэ къыщӀэкӀамрэ я деж фыкъэкӀуащ. Хэбэл и лъым нэхърэ Хьисэ и лъым Ӏуэху нэхъыфӀым нэхъ дыщегъэгугъ.


И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,


Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.


езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ.


Дунейр къигъэщӀын и пэкӀэ Тхьэм Мэссихь къыхихащ, ауэ иджы дунейм и кӀэухым деж фӀыгъуэ къывигъэуэлӀэну Мэссихь къигъэкӀуащ.


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фӀыуэ зэрыфщӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуи гузэгъэгъуэшхуэ къыфлърес зэпыт.


Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу.


Тхьэм къыхиха уи шыпхъум и бынхэм фӀэхъус къыуахыж. Ӏэмин.


Тхьэм къыбгъэдэкӀыу гущӀэгъушхуэ, гузэгъэгъуэшхуэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ къыфлърес.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan