1 Сэ сы-Петрщ, Хьисэ Мэссихь сриапостолщ. Фэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм, хэгуэшауэ Понт, Галатие, Каппадокие, Асие, Вифиние хэкухэм щыпсэухэм, мы тхылъыр ныфхузотх.
ДаӀуэ, пщащэ, плъэ, уи тхьэкӀумэ теубыди, зыщыгъэгъупщэ уи лъэпкъи уи адэ и уни.
А апостол пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ;
А махуэхэр нэхъ мащӀэ мыхъуатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Тхьэм а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀынущ.
Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти.
Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?
Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.
– Дэ ар къэдгъуэтын тлъэмыкӀыну дэнэ кӀуэн и гугъэ? – жаӀащ журтхэм. – Алыджхэм яхэгуэшауэ псэу ди лъэпкъэгъуэхэм я деж кӀуэуэ, абыхэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну пӀэрэ?
Абы Паул зы журт гуэр, Акилэ и цӀэу, Понт хэкум къыщалъхуар, къыщигъуэтри ӀущӀащ. Акилэрэ абы и щхьэгъусэ Прискиллэрэ Италие къэралым къикӀагъащӀэт; Клаудий кесарым журт псоми Рим къалэшхуэр ябгынэну унафэ яхуищӀыгъати. Паул Акилэрэ Прискиллэрэ я деж кӀуащ.
Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.
Паул Асие хэкум ис алыдж псоми журт псоми Зиусхьэн Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр илъэситӀ енкӀэ яхуиӀуэтащ.
Щхьэхуитыныгъэ зиӀэ хъуауэ жыхуаӀэ лӀыхэм я синэгуэгум щыщхэм (ахэр Кириние, Александрие къалэхэм, Киликие, Асие хэкухэм щыщт) Стефан еныкъуэкъуу щӀадзащ.
ЗэбгрыкӀа цӀыхухэм къакӀухьурэ, хыбарыфӀыр яӀуатэрт.
Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус къывахыж. Зиусхьэныр фэ фи псэми абыхэм я псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, Акилэрэ Прискиллэрэ фӀэхъус къывахыж. Абыхэм я унэм щызэхуэс члисэ зэхуэсым щыщхэми гухуабагъэкӀэ фӀэхъус къывахыж.
Асие хэкум дызыщыхэта гузэвэгъуэм и хъыбарыр фэдгъэщӀэн хуейуэ долъытэ. Псэууэ дыкъелыну дымыгугъэжу, тшэчыфынум и лейуэ гузэвэгъуэшхуэ дыдэм дыхэтащ.
Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.
Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.
Аращи, хамэу икӀи хэхэсу фыщытыжкъым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм фыхилъытащ, Тхьэм и унагъуэм щыщи фыхъуащ.
Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.
Мы цӀыху псори фӀэщхъуныгъэ яӀэу лӀащ. Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ягъуэтакъым, ауэ жыжьэу ахэр ялъагъури щыгуфӀыкӀащ. «Мы дунейм хамэу икӀи хэхэсу дытетщ», жаӀащ абыхэм.
Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.
ФӀыуэ слъагъухэ, фэ, хамэу икӀи мы дунейм хэхэсу щыпсэухэм, хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ фи псэхэм къыпэувхэм пэӀэщӀэ зыфщӀыну сыныволъэӀу.
Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.
Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».