3 Псэууэ зекӀуэ псори фхуэхъунущ шхын; удз щхъуантӀэр зэрывэстам хуэдэу фызот ахэр фэ.
– Къыфщышынэнущ икӀи къыфхуэкӀэзызынущ щӀылъэм тет хьэкӀэкхъуэкӀэ псори, уэгум ит къуалэбзу псори, щӀылъэм щызекӀуэ псори, хым хэс бдзэжьей псори; фи ӀэмыщӀэ ихуащ ахэр.
Зиусхьэну Хьисэ си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ шхын гуэр зэрымыхьэрэмыр сощӀэ, фӀэкӀыпӀэ имыӀэуи си фӀэщ мэхъу. Ауэ зыгуэрым хьэрэму илъытэмэ, езымкӀэ хьэрэм мэхъу.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ.
Шхыным щхьэкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур умыгъэкӀуэд. Шхын псори хьэлэлщ, ауэ уэ пшхы шхынымкӀэ зыгуэрым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэмэ, гуэныхь мэхъу.
Шхэм мышхэр зэримыпэсу хъунукъым. Мышхэми шхэр игъэкъуаншэ хъунукъым, Тхьэм а цӀыхури идащи.
«Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ», жаӀэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэху псори дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ, ауэ псоми я фӀагъ къыдэкӀыркъым.
Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.
Аращи, фшхымрэ фызэфэмрэ теухуауэ, махуэшхуэ махуэр, мазэщӀэ махуэшхуэр, зыщыдгъэпсэху махуэр ягъэлъэпӀэнымкӀэ хьэкум къыфтрищӀыхьыну зыри хуит фымыщӀ.