2 ЗызэхуащӀыжащ щыхупӀэ лъащӀэншэм и къиупӀэхэми уафэ щхьэгъубжэхэми, увыӀащ уафэм къикӀ уэшхри.
Нухь илъэс щих щыхъуа гъэм и етӀуанэ мазэм, епщыкӀубланэ махуэм къызэрыкӀащ щыхупӀэ лъащӀэншэ абрагъуэм и къиупӀэу хъуар, зэӀукӀащ уафэ щхьэгъубжэхэри.
Тешхащ щӀылъэм уэшхыр махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀкӀэ.
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ махуибл дэкӀмэ, Сэ ескӀыхынущ щӀылъэм уэшхыр махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀкӀэ; икӀи тезгъэкӀуэдыкӀынущ щӀыгум Сэ къэзгъэщӀауэ щыӀэ псэущхьэ псори.
Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» си унэӀутми жесӀэмэ, ищӀэнущ.