Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 7:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 ЖриӀащ Зиусхьэным Нухь: – Фихьэ уэри уи унагъуэри кхъухьым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэращ Си дежкӀэ пэжыгъэ зезыхьэу нобэрей цӀыхухэм яхэслъэгъуар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 7:1
26 Iomraidhean Croise  

– Ауэ зэгурыӀуэныгъэ Сэрэ уэрэ ди зэхуакум дэслъхьэнурэ уихьэнущ уэ кхъухьым, уи къуэхэри, уи фызри, уи къуэхэм я фызхэри пщӀыгъуу.


Мис Нухь и хъыбарыр: Нухь мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыхэмылъ цӀыху пэжу а зэманым псэу цӀыхухэм яхэтащ; щыпкъагъэкӀэ Тхьэм хуэпсэущ Нухь.


А махуэ дыдэм ихьащ кхъухьым Нухьи и къуэхэу Щэми, Хъами, Ефэти, Нухь и фызри, и къуэхэм я фызищри я гъусэу.


Псыдзэм хэмыхуэн папщӀэ, Нухь и къуэхэри, и фызри, и къуэхэм я фызхэри щӀыгъуу кхъухьым ихьащ.


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.


– Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум и пэ къихуэ махуэхэм Ӏуэхухэр абы тетынущ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр къызыхуригъэхыну игъэгугъар фэращ, фи бынхэращ, дэни щыпсэу цӀыхухэрщ – езым и бын хъуну Зиусхьэну ди Тхьэм къыхуриджа цӀыхухэрщ.


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


Ахэращ Нухь бегъымбарым кхъухьыр щищӀа махуэхэм Тхьэр шыӀэныгъэшхуэкӀэ къапэплъэу щыта пэтми, езым емыдэӀуахэр. Кхъухьым исар цыху зыбжанэт – цӀыхуийт зэрыхъур; цӀыхуийри псым щымыкӀуэду къелъащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan