3 ЖиӀащ Зиусхьэным: – ЦӀыхухэр игъащӀэкӀэ псэуну хуит сщӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм лӀэныгъэ къащӀэлъщ; ирехъу абыхэм я гъащӀэ махуэхэр илъэсищэрэ тӀощӀрэ.
Тхьэм и къуэхэм къалъэгъуащ цӀыхухэм япхъухэр зэрыдахэр, икӀи ящтэрт ахэр я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкӀэ.
Бзаджагъэ зэи къохъулӀэнкъым, ери уи псэупӀэ благъэу къекӀуэлӀэнкъым.
ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.
– ЦӀыху ерыщхэ! Фэ фигухэмкӀи фи тхьэкӀумэхэмкӀи Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм фахуэдэщ. Фэ, фи адэжьхэм ещхьу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыпэув зэпытщ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и мафӀэр фымыгъэункӀыфӀ.