Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 5:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Ӏэдэм, илъэсищэрэ щэщӀкӀэ псэуауэ, къыхуэхъуащ къуэ, езым и теплъэ иӀэу, езым ещхьу, цӀэуэ фӀищащ абы: Щэт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 5:3
15 Iomraidhean Croise  

Ӏэдэм аргуэру екӀуэлӀащ и фызым, абы къуэ къилъхури, фӀищащ цӀэуэ: Щэт; «сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, – жиӀэрт абы – Тхьэм къызитащ нэгъуэщӀ щӀалэ, Къаин иукӀа Хьэбэл и пӀэкӀэ».


ЦӀыхухъурэ бзылъхугъэу ахэр къигъэщӀащ, и нэфӀ абыхэм ящыхуэри ахэр къыщигъэщӀа махуэм цӀэуэ цӀыху яфӀищащ абыхэм.


Щэт къыхуалъхуа нэужь, Ӏэдэм илъэс щий къигъэщӀащ, къыщӀэхъуащ абы къуэхэмрэ пхъухэмрэ.


ФӀым нэхъ бзаджагъэр уигу нэхъ ирохь, пэж пӀуэтэным нэхърэ пцӀыр уэ нэхъ къыбощтэ.


– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.


Салэ Кайнан и къуэщ. Кайнан Арфаксад и къуэщ. Арфаксад Щэм и къуэщ. Щэм Нухь и къуэщ. Нухь Ламех и къуэщ.


ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.


Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкӀар зы цӀыхущ. Гуэныхьым щӀыгъуу лӀэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цӀыху псоми гуэныхь зэращӀам щхьэкӀэ лӀэныгъэр я Ӏыхьэ хъуащ.


Пкъы псори зэхуэдэкъым. ЦӀыхум и пкъыр зыщ, хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я пкъыр щхьэхуэщ, къуалэбзухэм я пкъыр нэгъуэщӀщ, бдзэжьейхэри аращ.


Тхьэм ятӀэм къыхигъэхъукӀа цӀыхум дызэрыхуэдэм ещхьу, уафэм щыщми дыхуэдэнущ.


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan