3 Пщэдджыжьым, нэху щыщым, яутӀыпщыжащ а цӀыхухэр, езыхэри я шыдхэри.
Си фалъэр, дыжьын фалъэр, илъхьэ нэхъыщӀэм и къэпым и щӀыӀукӀэ, абы гъавэм папщӀэ къыздихьа дыжьыным щӀыгъуу. Мыдрейм игъэзэщӀащ Исуф ищӀа унафэр.
Ахэр къалэм жыжьэу ӀукӀатэкъым, Исуф и унэм и унафэщӀым щыжриӀам: – КӀуэ, а цӀыхухэм ялъежьи, уалъэщӀыхьэмэ, яжеӀэ абыхэм: «Сыт фэ фӀым ӀейкӀэ фыщӀыпыкъуэкӀар?» жыӀи.