Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 4:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 ФӀы пщӀэмэ, уи щхьэр пӀэтыркъэ? АтӀэ фӀы умыщӀэмэ, гуэныхьым бжэщхьэӀум зыщеущэху; абы узыӀэпешэ, ауэ уэ абы текӀуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 4:7
33 Iomraidhean Croise  

Хъуэпсэныгъэ Ӏейр уэндэгъу хъумэ, гуэныхь щӀэныр къелъху; гуэныхь щӀэнри нэгъэса щыхъукӀэ, ажалыр къелъху.


Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Каин ищӀа къурмэным нэхърэ нэхъ къурмэныфӀ ищӀащ. Тхьэм Хэбэл и тыгъэхэр щидам, Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэр абы щыпкъагъэ зэриӀамкӀэ щыхьэт хуэхъуащ. Хэбэл дунейм ехыжащ, ауэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, иджыри хъыбар къытхуехь.


Фэ фщӀэркъэ зыгуэрым и пщылӀхэм хуэдэу федэӀуэну и ӀэмыщӀэ зифлъхьэмэ, а цӀыхум пэжу фрипщылӀ зэрыхъур? Гуэныхь щӀэным фрипщылӀмэ, лӀэныгъэм и гъуэгу фрокӀуэ, ауэ Тхьэм федаӀуэмэ, щыпкъагъэ фиӀэу филъытэнущ.


Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.


Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкӀауи щрет, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъыр икӀи щыпкъагъэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ.


Ахэр игу илъмэ, Мэссихь хуэлажьэ цӀыхур Тхьэм и гум ирохь, цӀыхухэми я гуапэщ ар.


Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


ЦӀыхубзми жриӀащ: – ИкъукӀэ хэзгъэхъуэнущ уи хьэзабхэр уэндэгъугъэкӀэ; узым ухэту къэплъхунущ уи сабийхэр; уи лӀым хьэщыкъ ухуэхъунурэ ар тепщэ пхуэхъунущ.


Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри.


Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.


– Хъунщ, – къыжриӀащ мелыӀычым, – уи хьэтыркӀэ Сэ сщӀэнщ ари: хэзгъэщӀэнкъым уэ жыхуэпӀэ къалэр.


Аращи, гуэныхь щӀэным уахътэ зиӀэ фипкъхэм тепщэныгъэ яхуиӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм фахуэӀурыщӀэну иремыхъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan