Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 4:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 ауэ Къаини абы и тыгъэми къеплъакъым. Къаин ар икъукӀэ и жагъуэ хъуащ, и нэгури зэхэуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 4:5
18 Iomraidhean Croise  

Къилъэгъуащ Екъуб Лабан и нэкӀур, ар абы къыхущытыжкъым дыгъуаси вэсэмахуи къызэрыхущытам хуэдэу.


ЯжриӀащ абыхэм: – Сэ солъагъу фи адэм и нэкӀур, ар дыгъуаси вэсэмахуи хуэдэу къызэрысхущымытыжыр. Ауэ си адэм и Тхьэр сэ си гъусэщ.


– Апхуэдэу къызищӀащ уи унэӀутым, – жиӀэу езым и фызым къыжриӀа псалъэхэр зиусхьэным щызэхихым, къызэщӀэнащ губжькӀэ;


Абы игукӀэ фӀэигъуэр хуэпщӀащ Уэ, и лъэӀу псалъэм къебгъэгъэзакъым.


Си ахъшэм сэ сызыхуейр есщӀэну сыхуитыжкъэ? Хьэмэ уэ уфыгъуэрэ сэ сызэрыхьэлэлым щхьэкӀэ?»


Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.


Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Каин ищӀа къурмэным нэхърэ нэхъ къурмэныфӀ ищӀащ. Тхьэм Хэбэл и тыгъэхэр щидам, Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэр абы щыпкъагъэ зэриӀамкӀэ щыхьэт хуэхъуащ. Хэбэл дунейм ехыжащ, ауэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, иджыри хъыбар къытхуехь.


Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan