12 ЩӀым утелэжьыхьми, абы дяпэкӀэ зэгуэри къыуитыжынукъым и гуащӀэр; уэ ухъунущ егъэзыпӀэншэ, хапӀэншэу щӀылъэм къыщызыджэдыхь.
Абдежым жриӀащ Къаин Зиусхьэным: – Си тезырыр нэхъ инщ сэ сшэчыфынум нэхърэ.
Аращи, Уэ иджы сытыбоху щӀылъэм, Уи нэгуми зыщӀэзмыгъэхуэну зызогъэпщкӀу, сыхъунущ сэ егъэзыпӀэншэ икӀи щӀылъэм къыщызыджэ дыхь; къысхуэзэ дэтхэнэми сиукӀынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым къигъэщӀа псоми я мурадыр къаримыгъэхъулӀэну Тхьэм иухащ. Апхуэдэу щӀэхъуар езыхэр хуейуэ аракъым, абыхэм я мурадыр къемыхъулӀэну зыуха Тхьэр апхуэдэу хуеяти, арщ.