Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 4:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 – Сыт уэ пщӀар? – жиӀащ Зиусхьэным, – уи къуэшым илъ бгъэжащ, къыщӀоӀукӀ абы и гуӀэ макъэр щӀы щӀагъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 4:10
24 Iomraidhean Croise  

ИтӀани жиӀащ Зиусхьэным: – Содомрэ Ӏаморэрэ зыгъэкъуаншэ тхьэусыхэ макъыр ин дыдэщ, абыхэм я гуэныхьри икъукӀэ хьэлъэщ.


– Сыт ар уэ щӀэпщӀар? – жриӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхубзым. – Блэм сыдригъэхьэхри, сшхащ, – жиӀащ цӀыхубзым.


Зыгуэрым цӀыху иукӀмэ, згъэпшынэнущ, хьэкӀэкхъуэкӀэми цӀыхур иукӀмэ, згъэпшынэнущ.


Абы щыгъуэ Уи гуапэ хъунщ щыпкъагъэкӀэ пхуащӀ къурмэнхэр, зэрыпсэууэ ягъэс къурмэнхэр, Абы щыгъуэ къытралъхьэнщ уи къурмэнщӀыпӀэм танэхэр.


Къин солъагъу махуэ псом Пщэдджыжь къэс удын сошэч.


Цион Ӏуащхьэм тес Зиусхьэным и щӀыхь фӀуатэ, Абы и ӀуэхущӀафэхэм я хъыбар цӀыху лъэпкъхэм ялъэвгъэӀэс!


Сыту жыпӀэмэ лъы зыгъажэр егъэпшынэ. Гу лъетэ, зэхех хэутэн ящӀахэм я гукъеуэ макъ.


Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?


– Сыт Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр вгъэунэхуну фыщӀызэгурыӀуар? – жриӀащ Петр абы. – Мис, уэ уи щхьэгъусэм и хьэдэр щӀэзылъхьэжахэр къыщӀохьэ, уэ уи хьэдэри щӀахынущ.


Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Каин ищӀа къурмэным нэхърэ нэхъ къурмэныфӀ ищӀащ. Тхьэм Хэбэл и тыгъэхэр щидам, Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэр абы щыпкъагъэ зэриӀамкӀэ щыхьэт хуэхъуащ. Хэбэл дунейм ехыжащ, ауэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, иджыри хъыбар къытхуехь.


ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъ зыщӀа Хьисэрэ абы лъыуэ къыщӀэкӀамрэ я деж фыкъэкӀуащ. Хэбэл и лъым нэхърэ Хьисэ и лъым Ӏуэху нэхъыфӀым нэхъ дыщегъэгугъ.


ЛэжьапщӀэ зэвмыту фи хьэсэхэр зезыхьа фи лӀыщӀэхэм фагъэкъуаншэурэ къыфкӀэлъоджэ. Гъавэр къэзыхыжхэм я гуо макъыр ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным и тхьэкӀумэхэм нэсащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan