Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 3:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Зиусхьэну Тхьэм къигъэщӀа губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ящыщу блэр псоми нэхърэ нэхъ хьилэшыт. Абы жриӀащ цӀыхубзым: – Пэж дыдэу жиӀа Тхьэм, «Жэнэтым щыкӀ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх», жиӀэу?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 3:1
14 Iomraidhean Croise  

– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.


ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.


къыжриӀащ абы и ужькӀэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых; Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщи: «Тхьэм и мелыӀычхэм уэ птеухуауэ унафэ къахуищӀынущ, мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ ужьэхэмэуэн щхьэкӀэ, я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ».


къыжриӀащ итӀанэ: – ЩӀым зыхэпӀубэрэ сэ сыбгъалъапӀэмэ, а псори уэ уэстынущ.


Ар гъэщӀэгъуэнкъым. Езы шейтӀаным нэхум и мелыӀыч хуэдэу зегъэӀу.


Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.


Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.


ЦӀыхубзыр псым иригъэхьын щхьэкӀэ, псыдзэм хуэдэу, блэжьым и жьэм псыр къыжьэдиутхыкӀащ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Благъуэжьу, иблискӀэ е шейтӀанкӀэ зэджэ блэжьыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀащ мелыӀычым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan