Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 26:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм ис вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу, естынущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм мы щӀыналъэ псори; уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 26:4
22 Iomraidhean Croise  

Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр пшахъуэм хуэдэу; зыгуэрым пшахъуэр ибжын хузэфӀэкӀмэ, уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэри бжа хъунущ.


А махуэм Зиусхьэным Ибрам ирищӀылӀащ зэгурыӀуэныгъэ, мыр жиӀэри: – Уэ къыптехъукӀынухэм изот Сэ мы щӀыналъэр, Мысыр псым къыщыщӀэдзауэ псы ин дыдэм, Евфрат псым, нэсу:


ИтӀанэ ар шэтырым къыщӀишри, жиӀащ Зиусхьэным: – Уафэм дэплъеи, бжыт вагъуэхэр, ахэр пхуэбжынумэ. АдэкӀи къыжриӀащ абы: – Апхуэдиз хъунущ къыптехъукӀынум я бжыгъэр.


Ибрэхьим пэж дыдэу къытехъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ икӀи лъэщ, абы и хьэтыркӀи си нэфӀ ящыхуэнущ щӀылъэм тет цӀыху лъэпкъ псоми.


А жэщ дыдэм абы Зиусхьэныр къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Сэращ уи адэ Ибрэхьим и Тхьэр; умышынэ, Сэ сыуигъусэщ; сэ си нэфӀ пщыхуэнурэ згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр, Си ӀурыщӀэ Ибрэхьим и хьэтыркӀэ.


ИкӀи хъунущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр щӀылъэ пшахъуэм и бжыгъэм хуэдизу куэд; щыпсэунущ ахэр къухьэпӀэмкӀи къуэкӀыпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи; уэрэ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэмрэ фи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящызгъэхуэнущ дунейм и лъэпкъ псоми.


Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Урегъэбагъуэ икӀи ухрегъахъуэ, къыптрехъукӀ уэ цӀыху лъэпкъ куэдыр;


Сэ Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ еста щӀыналъэр естынущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэми.


Щыпсэурт Израил Мысыр щӀыналъэм, Гощэн щӀыгум, телэжьыхьырт а щӀыгум; багъуэурэ, ар лъэпкъышхуэ хъуащ.


Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.


Бегъымбархэм я жьэкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм езымрэ фи адэшхуэхэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и ӀыхьэфӀри зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм Ибрэхьим бегъымбарым къызэрыжриӀам хуэдэу, «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхум и хьэтыркӀэ дунейм тет лъэпкъ псоми си нэфӀ ящызгъэхуэнущ».


Апхуэдэу, Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ ӀыхьэфӀхэмкӀэ игъэгугъащ. «Уэ къыптехъукӀыну быныр» щыжиӀэкӀэ, зы цӀыху закъуэ къригъэкӀыу Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Ар жыхуиӀэр Мэссихьщ. «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр», жиӀэу куэд къикӀыу хэткъым.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ хамэ лъэпкъхэм ящыщхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнур. Апхуэдэу щыхъукӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ,* Тхьэм Ибрэхьим хъыбарыфӀыр къызэрыжриӀар, «Лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ уэ уи хьэтыркӀэ», жиӀэурэ.


Пасэ зэманым дунейм щыпсэууэ щыта цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ Тхьэр щыхьэтыфӀ яхуэхъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan