2 Зиусхьэныр Исхьэкъ къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – УмыкӀуэ Мысырым; щыпсэу Сэ ныбжесӀэну щӀыналъэм.
Зиусхьэным жриӀащ Ибрам: – ИкӀ уи щӀыналъэм, яхэкӀ уи лъэпкъэгъухэм, уи адэм и унэр къэбгыни, кӀуэ Сэ уэзгъэлъагъуну щӀыналъэм.
Абдеж Зиусхьэныр Ибрам къыхуэзэри, къыжриӀащ: – Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм естынущ Сэ мы щӀыналъэр. КъыхуэкӀуа Зиусхьэным щыхуиухуащ Ибрам къурмэнщӀыпӀэ итӀанэ.
Ибрам илъэс бгъущӀрэ бгъурэ щыхъум, Зиусхьэныр абы къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэр Сэращ; щыпкъагъэ уиӀэу щыпсэу Си пащхьэ икӀи лажьэ зыри зыхуумыгъэху.
Ауэ Тхьэм жиӀащ: – Сарэ, уи фызым, къыпхуилъхунущ къуэ, икӀи фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исхьэкъ; мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ абыи абы иужькӀэ къытехъукӀынухэми ди зэхуакум дэслъхьэнущ Сэ.
Къыщыхуэлъэгъуащ абы Зиусхьэныр жыгеилъэ Мамре деж, махуэм и хуабэгъуэу ар шэтыр щӀыхьэпӀэм Ӏусу.
А жэщ дыдэм абы Зиусхьэныр къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Сэращ уи адэ Ибрэхьим и Тхьэр; умышынэ, Сэ сыуигъусэщ; сэ си нэфӀ пщыхуэнурэ згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр, Си ӀурыщӀэ Ибрэхьим и хьэтыркӀэ.
Сэ гъуэгу захуэм сытетщ; Зиусхьэным и щӀыхьыр щысӀуэтэнщ зэхуэсышхуэм.
Сыту жыпӀэмэ уи шабзэшэхэр къыстеуащ, уи Ӏэри къыстохьэлъэ.