Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 24:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 тхьэлъанэ къысхуэщӀ Зиусхьэну уафэми щӀылъэми я ТхьэмкӀэ, сэ сызыхэс Ханаан цӀыхухэм япхъухэм ящыщ си къуэм фызу къызэрыхуумышэнумкӀэ;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 24:3
49 Iomraidhean Croise  

Ар Тхьэм хуелъэӀури и нэфӀ къыщыхуэну жиӀащ: – Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, Ибрам и нэфӀ щрехуэ;


Ауэ Ибрам жриӀащ Содом пащтыхьым: – Си Ӏэр хузоӀэт Зиусхьэну Тхьэ я нэхъ Лъагэм, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, тхьэ жызоӀэ


Тхьэлъанэ къысхуэщӀ иджы ауэ щыхъукӀэ, Тхьэм и цӀэкӀэ, ди жагъуэ къомыщӀыну сэри, си къуэми, си къуэрылъхуми; сэ фӀыуэ сызэрыпхущытам хуэдэу, уэри фӀыуэ укъысхущытыжыну, сэри си щӀыналъэу уэ узыщыхьэщӀэми.


Зиусхьэну уафэм и Тхьэм, си адэм и унэмрэ сэ сызыщалъхуа щӀыналъэмрэ сыкъизышам, икӀи «Уэ къыптехъукӀыну бынхэм естынщ мы щӀыналъэр» жиӀэурэ псалъэ быдэ къызэзытам – Абы нигъэкӀуэнущ Езым и мелыӀычыр уяпэ иту, уэри къыхуэпшэнущ фыз си къуэм, абы щыщу.


ЖриӀащ Ребеккэ Исхьэкъ итӀанэ: – Хет бзылъхугъэхэм щхьэкӀэ си гъащӀэри сфӀэӀэфӀыжкъым; мы щӀыналъэм щыщ бзылъхугъэхэу мы хет бзылъхугъэхэм яхуэдэхэм ящыщ Екъуб фызу къишэмэ, сыт сэ гъащӀэми сызэрыхуеижыр?


Къриджащ Исхьэкъ Екъуб, и нэфӀ щигъэхуащ, унафэуи мыр хуищӀащ: – Къыумышэ ханаан цӀыхубзхэм ящыщ фызу.


Абдеж къыгурыӀуащ Эсау ханаан бзылъхугъэхэр езым и адэ Исхьэкъ зэрыфӀэмыфӀыр.


Ӏыхьлы фыкъытхуэхъу; къэдвгъашэ фипхъухэр, дэ дипхъухэри фшэ.


Иудэ абдежым къыщилъэгъуащ ШыуаӀ зи цӀэ ханаан цӀыху гуэрым и пхъур; ар ищтащ, щӀыхьащ абы деж.


– Тхьэлъанэ къысхуэщӀ, – жиӀащ Екъуб. Тхьэлъанэ хуищӀащ Исуф. И щхьэнтэм зригъэщӀурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ Израил.


Исуф Израил и къуэхэм тхьэрыӀуэ яригъэщӀащ, мыр жиӀэурэ: – Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, ифхыж си хьэдэ къупщхьэхэр мыбы.


Тхьэм и къуэхэм къалъэгъуащ цӀыхухэм япхъухэр зэрыдахэр, икӀи ящтэрт ахэр я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкӀэ.


А зэманми абы и ужькӀи щӀым тетт цӀыху абрагъуэхэр, Тхьэм и къуэхэр цӀыхухэм япхъухэм я деж щӀыхьэу, ахэр яхуэлъхуэу щыхуа зэманым. Ахэр цӀыху лъэщхэт, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыху щэджащэхэт.


И лӀыр псэуху, фызыр абы епхащ. ЛӀыр лӀэмэ, фызыр хэт хуейми дэкӀуэжыну хуитщ, ауэ зыдэкӀуэж лӀым и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ.


ЦӀыхухэм езыхэм нэхърэ нэхъ ин гуэркӀэ тхьэрыӀуэ ящӀ я хабзэщ. ТхьэрыӀуэм абыхэм я псалъэхэр егъэпэж, зэдэуэныгъэ Ӏуэхуми кӀэ ирет.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan