Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 21:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Сабийр жэпхъри бгъафэм къыщӀачащ; Исхьэкъ бгъафэм къыщыщӀача махуэм Ибрэхьим гухэхъуэ Ӏэнэр игъэуващ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 21:8
16 Iomraidhean Croise  

Ауэ ар хуабжьу елъэӀурт абыхэм; арати, ежьащ ахэр абы деж кӀуэну, икӀи щӀыхьащ абы и унэм. Абы яхуищӀащ абыхэм хьэщӀэ шхын, икӀи игъэжьащ щӀакхъуэ мышыухэр; мыдрейхэри шхащ.


ЖиӀащ абы адэкӀи: – Хэт жриӀэфынт Ибрэхьим: «Сарэ быдз иригъэфэнущ сабий», – жиӀэу? АрщхьэкӀэ, ар жьы хъуауэ, къэслъхуащ сэ къуэ.


Гу лъитащ Сарэ Мысырым щыщ бзылъхугъэ Хьэджэр Ибрэхьим къыхуилъхуа къуэр Исхьэкъ дэджэгуу.


Абы яхуигъэуващ абыхэм гухэхъуэ Ӏэнэр, ахэри ешхащ, ефащ.


Лабан а щӀыпӀэм щыпсэу цӀыху псори зэхуишэсри, ищӀащ хьэгъуэлӀыгъуэ.


Ещанэ махуэм, фирхьэуныр къыщалъхуа махуэм, абы ищӀащ ефэ-ешхэ и къулыкъущӀэхэм папщӀэ, абдеж игъакӀуэри, хьэпсым къыщӀригъэщыжащ езым и къулыкъущӀэхэм ящыщу фадэзехьэмрэ щӀакхъуэгъажьэмрэ;


уигу къэгъэкӀыж Зиусхьэным тхьэлъану хуищӀар, Екъуб и Тхьэ лъэщым псалъэ зэрыритар;


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan