11 Ибрэхьим къыщыхъуащ ар и къуэм дежкӀэ мыщӀагъуэу.
ЖриӀащ Ибрэхьим Тхьэм: – НэгъуэщӀ мыхъуми, Исмэхьил закъуэ щыпсэуащэрэт Уи пащхьэм.
Ауэ Тхьэм къыжриӀащ Ибрэхьим: – Умынэщхъей ныбжьыщӀэмрэ уи унэӀут бзылъхугъэмрэ папщӀэ; Сарэ сыт къыбжиӀэми, едаӀуэ абы и псалъэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэращ уэ уи бын пэжкӀэ зэджэнухэр.
– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.
Зыгуэрым ӀурыщӀэ дыщищӀкӀэ, ди гуапэ хъуркъым, атӀэ ди гуауэ мэхъу. Ауэ Тхьэм ӀурыщӀэ ищӀурэ игъэса цӀыхухэм иужькӀэ фӀыуэ абы къахухэкӀыр щыпкъагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэщ.