Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 21:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Ар щилъагъум, жриӀащ Ибрэхьим: – Дэху мы унэӀут бзылъхугъэри абы и къуэри; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы унэӀутым и къуэр си Исхьэкъ мылъкукӀэ Ӏыхьэгъу дэхъу хъунукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 21:10
17 Iomraidhean Croise  

Ауэ Тхьэм жиӀащ: – Сарэ, уи фызым, къыпхуилъхунущ къуэ, икӀи фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исхьэкъ; мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ абыи абы иужькӀэ къытехъукӀынухэми ди зэхуакум дэслъхьэнущ Сэ.


– Ауэ зэгурыӀуэныгъэр зыдэслъхьэнур Сэрэ Исхьэкърэ ди зэхуакурщ; илъэс къакӀуэ и мыпхуэдэ зэманым деж Сарэ ар къыпхуилъхунущ.


– Сэ сегупсысащ: щыӀэкъым мы щӀыпӀэм Тхьэм фӀэлӀыкӀ, сэри саукӀынщ си фызым щхьэкӀэ, – жиӀащ Ибрэхьим.


Ишиящ Ибрэхьим и Ӏэр, къищтащ сэр, и къуэр иукӀын папщӀэ.


Мис Исхьэкъ, Ибрэхьим и къуэм, къытехъукӀа цӀыхухэр. Ибрэхьим къыхуэхъуащ Исхьэкъ.


Ибрэхьим унэӀуту иӀа бзылъхугъэхэм я къуэхэми яритащ саугъэтхэр. ИтӀанэ езыр псэу щӀыкӀэ, бгъэдигъэкӀащ ахэр Исхьэкъ, езым и къуэм пэжыжьэу, къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэ щӀыналъэмкӀэ игъэкӀуащ.


– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ: «А лӀым и Ӏэхэри и лъакъуэхэри фыпхи, кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ».


ПщылӀыр унэм игъащӀэкӀэ исынукъым. Адэм и къуэр арщ унэм игъащӀэкӀэ исынур.


Тхьэм цӀыхухэм ӀыхьэфӀыр къалъигъэсыныр Торэт хабзэм итхэм я гъэзэщӀэным епхауэ щытмэ, абы щыгъуэ Тхьэм ахэр къызэригъэгугъам ӀыхьэфӀыр епхакъым. Ауэ, ипэжыпӀэкӀэ, Тхьэм къызэригъэгугъам щхьэкӀэщи, аращ и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ а ӀыхьэфӀыр Ибрахьим щӀылъигъэсар.


Аращи, уэ уунэӀутыжкъым, атӀэ къуэ ухъуащ. Къуэ узэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъигъэсыр уэри къыплъигъэсынущ.


Тхьэм и бынхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀри диӀэ хъунущ. А мыкӀуэдыжын ӀыхьэфӀу, щыщӀагъэ зыбгъэдэмылъу, зэрыщыту къанэр Тхьэм уафэм къыщыфхуехъумэ.


А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan