1 Къеплъащ нэфӀкӀэ Зиусхьэныр Сарэ, зэрыжиӀэгъам хуэдэу, икӀи Зиусхьэным жиӀауэ щытар къыхуищӀащ Сарэ.
– Сэ си нэфӀ щыхуэнущ абыи, абыкӀэ къыпхуэхъунущ къуэ; Сарэ си нэфӀ щыхуэнурэ абы къытехъукӀынущ цӀыху лъэпкъхэри, цӀыху лъэпкъхэм я пащтыхьхэри къытехъукӀынущ абы.
Ауэ Тхьэм жиӀащ: – Сарэ, уи фызым, къыпхуилъхунущ къуэ, икӀи фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исхьэкъ; мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ абыи абы иужькӀэ къытехъукӀынухэми ди зэхуакум дэслъхьэнущ Сэ.
– Ауэ зэгурыӀуэныгъэр зыдэслъхьэнур Сэрэ Исхьэкърэ ди зэхуакурщ; илъэс къакӀуэ и мыпхуэдэ зэманым деж Сарэ ар къыпхуилъхунущ.
– Илъэс къакӀуэ Сэ аргуэру мыбдеж мыпхуэдэ зэман дыдэм сыкъэкӀуэнущ, абы щыгъуэ иӀэнущ къуэ Сарэ, уи фызым, – жиӀащ абыхэм ящыщ зым. Сарэ къэдаӀуэрт, абы и щӀыбагъым къыдэту, шэтыр щӀыхьэпӀэм деж щыту.
ЩыӀэ Зиусхьэным хузэфӀэмыкӀын? Зэман хэхам деж Сэ сыщыӀэнущ уи деж илъэс къакӀуэ, Сари къуэ иӀэнущ.
Сарэ, си тепщэм и фызым, жьы хъуауэ си тепщэм къыхуилъхуащ къуэ, езым бгъэдэлъу хъуар зритар.
ИтӀанэ яжриӀащ Исуф и къуэшхэм: – Сэ солӀэ; ауэ Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, мы щӀыналъэм фришынурэ, фишэнущ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби яритыну псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъа щӀыналъэм.
Губгъуэ нэщӀ гъуэгуншэхэм къыщакӀухьащ абыхэм, цӀыху щыпсэу къалэ къамыгъуэтыфу.
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыщогугъ сэ; сымыкӀуэдыну Уэ сыкъызэребгъэлынур си гуфӀэгъуэщ; си Зиусхьэну фӀыкӀэ къысхущытым сэ щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.
«Зиусхьэну Израил и Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и лъэпкъ Израил нэфӀкӀэ къеплъри, щхьэхуитыныгъэ къритащ.
Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкӀуэдынущ, мывитӀ зэтелъу къагъэнэнукъым, Тхьэм умыкӀуэду укъыщригъэлыну зэманыр къэсауэ къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ.
УнэӀут цӀыхубзым и къуэр сабий къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэу къалъхуащ, ауэ и щхьэгъусэм и къуэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ къалъхуащ.
Ди къуэшхэ, Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ, Исхьэкъ Ибрэхьим и бын зэрыхъуам хуэдабзэу, дэри Тхьэм и бын дыхъуащ.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.