Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 2:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 КъыхигъэкӀащ Зиусхьэну Тхьэм щӀыгум теплъэ гурыхь зиӀэ шхыныгъуэфӀ хъу сыт хуэдэ жыгхэри, жыг хадэм и курыкупсэм щигъэкӀащ гъащӀэ къэзыт жыгри фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгри.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 2:9
19 Iomraidhean Croise  

ауэ фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгым къыпыкӀэр умышх; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар щыпшх махуэм уи ажалыр абы къыхэкӀынущ.


ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм итӀанэ: – Аращи, цӀыхур хъуащ Дэ тщыщ зым хуэдэ, фӀымрэ емрэ зэхищӀыкӀыу; иджы абы и Ӏэр ишийуэ, гъащӀэ къэзыт жыгым и пхъэщъхьэмыщхьэ къыпичу имышхащэрэт, мыкӀуэдыжын гъащӀи иӀэ мыхъуащэрэт.


Кърихущ Тхьэм Ӏэдэм, гъащӀэ къэзыт жыгым хуэкӀуэ гъуэгур яхъумэн папщӀэ, Ӏэдэн жыг хадэм и къуэкӀыпӀэмкӀэ Ӏуигъэуващ херувим мафӀэ къызыпих джатэ зызыгъазэмрэ.


ауэ жэнэтым и кум ит жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр фымышх икӀи фемыӀусэ абыхэм, фымылӀэн папщӀэ, жиӀащ Тхьэм.


– сыту жыпӀэмэ ещӀэ Тхьэм: а жыгым къыпыкӀэ пхъэщхьэмыщхьэм фыщедзэкъа махуэм фи нэхэр къэплъэнурэ, Тхьэуэ фӀымрэ емрэ зэхэзыщӀыкӀым хуэдэ фыхъунущ.


ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ.


Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.


– ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.


а къалэм и уэрамым и кум ирожэ ар. А псышхуэм и бгъуитӀми гъащӀэ къэзыт жыг Ӏутщ, илъэсым пщыкӀутӀрэ, мазэ къэс зэ къыпыкӀэу. А жыгым и тхьэмпэхэм лъэпкъхэм я узыфэхэр ягъэхъуж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan