16 Зиусхьэну Тхьэм унафэ хуищӀащ цӀыхум, мыр жиӀэурэ: – Жыг хадэм ит дэтхэнэ жыгми къыпыкӀэр пшхыну ухуитщ,
ЖиӀащ итӀанэ Тхьэм: – Аращи, Сэ фэстащ щӀылъэ псом сыт хуэдэ удз тетми, а псоми я жылэ къызыхэкӀ удз зэмылӀэужьыгъуэхэри, жылэ къэзыт пхъэщхьэмыщхьэ жыг лӀэужьыгъуэ псори; ахэр шхыныгъуэ фхуэхъунущ.
Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур ишэри псэупӀэ щритащ Ӏэдэн жыг хадэм, абы илэжьыхьын, ар ихъумэн папщӀэ.
КъыхигъэкӀащ Зиусхьэну Тхьэм щӀыгум теплъэ гурыхь зиӀэ шхыныгъуэфӀ хъу сыт хуэдэ жыгхэри, жыг хадэм и курыкупсэм щигъэкӀащ гъащӀэ къэзыт жыгри фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгри.
ауэ жэнэтым и кум ит жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр фымышх икӀи фемыӀусэ абыхэм, фымылӀэн папщӀэ, жиӀащ Тхьэм.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэщӀа псори фӀыщ. Тхьэм фӀыщӀэ хуэпщӀурэ къабыл пщӀымэ, зыри хэбдзыж хъунукъым.
Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.