Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 2:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Уафэмрэ щӀылъэмрэ, абыхэм щыӀэ псори ухуа хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 2:1
34 Iomraidhean Croise  

Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.


ФӀищащ Тхьэм абы «щӀылъэ», псым и зэхуэсыпӀэхэм яфӀищащ «хы». Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.


Аращ уафэмрэ щӀылъэмрэ я къэхъукӀэ хъуар – Зиусхьэну Тхьэм щӀылъэри уафэри щиухуам щыгъуэ.


Уэрэд къыхухэвдзэ Абы, щӀыхь уэрэд хужыфӀэ; Ӏуэху щӀагъуэхэу зэфӀихахэм ящывгъэгъуазэ.


ЛъэгущӀэт ящӀа цӀыхухэр лъагэу еӀэт Зиусхьэным, цӀыху бзаджэхэр щӀым хегуэ.


Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.


Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи, зэрыфӀыр флъагъунщ. Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы зыхуэзыгъазэр.


Уафэм щыщ мелыӀыч гупышхуэ къыщыхутащ а мелыӀычым деж напӀэзыпӀэм. Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀащ абыхэм:


Ар щызэхахым, ахэр макъышхуэкӀэ зэдежьууэ Тхьэм елъэӀуащ: – Зиусхьэн, уафэри, щӀылъэри, хыри, абыхэм щыӀэ псори къэзыгъэщӀар уэращ.


Ауэ Тхьэм и щӀыб абыхэм къахуигъазэри, ахэр езым и пӀэкӀэ уафэм и вагъуэхэм хуэлэжьэну къигъэнащ, бегъымбархэм я тхылъым зэритым хуэдэу: «Фэ, израил цӀыхухэр, илъэс плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым фыщитым, къурмэныпхъэу фӀэвгъэжар сэра зыхуэвукӀар?


Аращи, дэращ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэращ, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнухэр, Тхьэм зэрыжиӀам хуэдэу: «Сахуэгубжьурэ, „Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым“, жысӀэри псалъэ быдэкӀэ ар згъэпэжащ». Дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и Ӏуэхухэр иухауэ щыта пэтми, итӀани апхуэдэу жиӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan