Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 19:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Ауэ ар хуабжьу елъэӀурт абыхэм; арати, ежьащ ахэр абы деж кӀуэну, икӀи щӀыхьащ абы и унэм. Абы яхуищӀащ абыхэм хьэщӀэ шхын, икӀи игъэжьащ щӀакхъуэ мышыухэр; мыдрейхэри шхащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 19:3
18 Iomraidhean Croise  

– Си зиусхьэнхэ! – жиӀащ абы, – фи унэӀутым и унэм фыныщӀыхьи, нэху фыкъыщекӀ, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр, нэху щымэ, фыкъэтэджынщи, фытехьэжынщ фи гъуэгум. – Хьэуэ, дэ жэщыр уэрамым щитхынщ, – жаӀащ абыхэм.


Сабийр жэпхъри бгъафэм къыщӀачащ; Исхьэкъ бгъафэм къыщыщӀача махуэм Ибрэхьим гухэхъуэ Ӏэнэр игъэуващ.


– Къеблагъэ, Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуа, – жиӀащ Лабан, – Сыт уэрамым ущӀыдэтыр? Сэ къэзгъэхьэзыращ унэри махъшэхэм папщӀэ увыӀэпӀэри.


Абы яхуигъэуващ абыхэм гухэхъуэ Ӏэнэр, ахэри ешхащ, ефащ.


– Сэ нывжызоӀэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ, – зэриныбжьэгъум щхьэкӀэ, хуэтэджу щӀакхъуэр иримытами, и ужь зэримыкӀыжым щхьэкӀэ, зыхуей псори хуищӀэнущ абы.


– Тепщэм унэӀутым жриӀащ итӀанэ: «Гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ техьи, си унэм щӀэз хъун щхьэкӀэ, къэкӀуэну цӀыхухэм яжеӀэ.


Левий и унэм гухэхъуэ Ӏэнэ Хьисэ щыхутригъэуващ итӀанэ. Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри нэгъуэщӀ хьэщӀэ куэди Ӏэнэм пэрыст.


Хьисэ пщыхьэщхьэшхэ къыхуагъэхьэзыращ, Марфэ бысымгуащэу къащхьэщытт. Хьисэ и гъусэу Ӏэнэм пэрысхэм Лазар яхэст.


Аращи, махуэшхуэр дывгъэгъэлъапӀэ, ауэ зэрыдгъэлъэпӀэнур бзаджагъэмрэ икӀагъэмрэ я пщагъэжьымкӀэкъым, атӀэ гукъабзагъэмрэ щыпкъагъэмрэ я щӀакхъуэ мыфӀэӀу къабзэмкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.


ХьэщӀэр гъэлъэпӀэныр зыщывмыгъэгъупщэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэу цӀыху гуэрхэм ямыщӀэу мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan