1 КъэкӀуащ а мелыӀычитӀыр Содом пщыхьэщхьэм, Содом и дыхьэпӀэ куэбжэм деж ЛутӀ щысу. ЛутӀ ахэр къилъэгъури къэтэджащ абыхэм къапежьэну, щхьэщи ищӀащ щӀым нэс.
ЛӀыхэр абдежым къыӀукӀыжри, Содом лъэныкъуэмкӀэ кӀуащ; ауэ Ибрэхьим иджыри итт Зиусхьэным и пащхьэм.
ХьэщӀэр гъэлъэпӀэныр зыщывмыгъэгъупщэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэу цӀыху гуэрхэм ямыщӀэу мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ.
– ЛутӀ бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр апхуэдэу щытащ: ЦӀыхухэр шхэрт икӀи ефэрт, зыгуэрхэр къащэхурт икӀи ящэрт, жылэ ясэрт, унэхэри ящӀырт.
Мис Тэрахъ къытехъукӀахэр: Тэрахъ къыхуэхъуащ Ибрам, Нахъор, Харан сымэ. Харан къыхуэлъхуащ Лут.
Къэтэджыжащ а лӀыхэр абдежым, икӀи ежьащ, икӀи Содом и лъэныкъуэкӀэ аузым дэплъащ; Ибрэхьим ядэкӀуэтащ абыхэм, ахэр иригъэжьэжыну.
– Си зиусхьэнхэ! – жиӀащ абы, – фи унэӀутым и унэм фыныщӀыхьи, нэху фыкъыщекӀ, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр, нэху щымэ, фыкъэтэджынщи, фытехьэжынщ фи гъуэгум. – Хьэуэ, дэ жэщыр уэрамым щитхынщ, – жаӀащ абыхэм.
Апхуэдэу щыхъум, а лӀыхэр къэӀэбэри ЛутӀ щӀашэжащ унэм, бжэри ягъэбыдащ.
Ибрам щӀидзащ Ханаан щӀыналъэм щыпсэууэ; ЛутӀ аузым и Ӏэшэлъашэм ит къалэхэм щыпсэуну щӀидзэри, щригъэувыкӀащ и шэтырхэр Содом нэсу.
Ибрэхьим щхьэщэ хуищӀащ а щӀыналъэм и цӀыхухэм.
Исуф и адэ и лъэгуажьэхэм къатрихыжри, щхьэщэ хуищӀащ, щӀым нэсу зигъэщхъри.