8 ЖриӀащ Ибрам ЛутӀ итӀанэ: – Къыдремыхъуэ уэри сэри, си мэлыхъуэхэми уи мэлыхъуэхэми дяку къайгъэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэӀыхьлыщ.
ЩӀыналъэ псори уи пащхьэ къилъкъэ? АтӀэ збгъэдэкӀи, зэфӀэкӀащ. Уэ сэмэгумкӀэ укӀуэмэ, сэ ижьымкӀэ сыкӀуэнщ; уэ ижьымкӀэ укӀуэрэ, сэ – сэмэгумкӀэ.
Ибрам, и Ӏыхьлыр гъэр хъуауэ щызэхихым, езым и унэм къыщалъхуа унэӀуту щищрэ пщыкӀуийрэ, ӀэщэкӀэ иузэдри, якӀэлъыпхъэращ бийхэм Дан нэс.
Арати, иригъэжьэжащ Исуф и къуэшхэр. ЯжриӀащ абыхэм: – Фыщызэщымыхьэ гъуэгум.
фэ жыфӀэ: «Дэ, уи унэӀутхэр, дыӀэщыхъуэщ дыщыщӀалэм къыщыщӀэдзауэ иджыри къэс, дэри ди адэхэри», фэ Гощэн щӀыналъэм фыщагъэтӀысын папщӀэ. Мысыр цӀыхухэм я дежкӀэ гуемыӀущ дэтхэнэ мэлыхъуэри.
Зиусхьэным и ӀурыщӀэу, жэщым Абы и унэшхуэм щӀэт псори, фынакӀуэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэдвгъэщӀ иджы!
Гъуэгу махуэ теуващ цӀыхухэр зэзыгъэкӀужхэр, абыхэм «Тхьэм ибынкӀэ» еджэнущи.
И къуэшхэм ящыщу цӀыхуитӀ зэзауэу Мусэ етӀуанэ махуэм щилъагъум, ахэр зэригъэкӀужын щхьэкӀэ, яжриӀащ: «Фэ лӀитӀыр фызэкъуэшщ, сыт зыр адрейм фыщӀекъуэншэкӀыр?»
Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.
Сыт фщӀэми, фымытхьэусыхэу икӀи фи гум шэч къивмыгъэхьэу, фщӀэ,
Зэшхэм хуэдэу фӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр ныфхуэстхыну лейщ. ФӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр Тхьэм фигъэщӀащ.
ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.
Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фӀыуэ фызэрылъагъуу щрет.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
ЦӀыху псоми щӀыхь яхуэфщӀ, къуэшхэри фӀыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щӀыхь хуэфщӀ.
ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.
Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ.
ФӀыуэ слъагъухэ, фӀыуэ дызэрывгъэлъагъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀылъагъуныгъэр Тхьэм и деж къокӀ. ФӀылъагъуныгъэ зи гум илъ дэтхэнэри Тхьэм и бынщ икӀи абы Тхьэр зыхуэдэр ещӀэ.