5 Ибрам и гъусэу кӀуэ ЛутӀ иӀэт Ӏэщ цӀыкӀуи, Ӏэщышхуи, шэтырхэри.
Арати, ежьащ Ибрам, Зиусхьэным абы къызэрыжриӀам тету; абы щӀыгъуу ежьащ ЛутӀ. Ибрам илъэс блыщӀрэ тхурэ и ныбжьт Харан къыщикӀам щыгъуэ.
ЗыщӀигъуащ Ибрам Сарай, и фызыр, ЛутӀи, и къуэшым и къуэр, къыздащтащ абыхэм я мылъку псори, здрашэжьащ абыхэм Харан щаӀа цӀыху псори; ежьащ ахэр, Ханаан щӀыналъэм кӀуэн папщӀэ; КӀуащ Ханаан щӀыналъэм.
КъемэщӀэкӀырт абыхэм щӀыгур, зэгъусэу псэун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм я мылъкухэр апхуэдизкӀэ куэдти, ахэр зэгъусэу псэуфыртэкъым.
Сабийхэм я ныбжь нэсри, Эсау хъуащ хьэкӀэкхъуэкӀэ къэубыдыным хуэӀэзэ цӀыху, губгъуэлӀ; Екъуб хъуащ цӀыху Ӏэсэ, шэтырхэм щыпсэууэ.
Ӏадэ къилъхуащ Ябэл: ар я адэжщ шэтырхэм щӀэсу хъушэхэр зиӀэхэм.