Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 13:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 япэу езым иухуауэ щытыгъа къурмэнщӀыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм нэсу; абдежми Ибрам щелъэӀуащ Зиусхьэным.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 13:4
21 Iomraidhean Croise  

Ибрам шэтырыр иришажьэри ежьащ, икӀи щытӀысащ Хэврон къалэм щыӀэ Мамрэ жыгеилъэм деж; абдежми абы щыхуиухуащ Зиусхьэным къурмэнщӀыпӀэ.


Абы абдежым къурмэнщӀыпӀэ щиухуэри, елъэӀуащ Зиусхьэным. Щигъэуващ абдеж и шэтырыр, Исхьэкъ и унэӀутхэми къыщатӀащ абдежым псыкъуий.


Щэт къыхуалъхуащ къуэ, абы цӀэуэ фӀищащ Енощ; Абы къыщегъэжьауэ цӀыхухэм щӀадзащ Зиусхьэным елъэӀуу.


И унэ лъапӀэм Тхьэм щыжиӀащ: «СогуфӀэ лъэщу, Шехэм згуэшынщ, Суккот кӀейри тезгуэшэнщ.


Сыту жыпӀэмэ ин дыдэщ Абы дэ къытхуиӀэ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр, Абы къытхуиӀэ щыпкъагъэр мыкӀуэдыжынщ. ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным.


Уэ жыпӀэгъащ: «Сэ сызыхуэдэр зэвгъащӀэ». Си гум къызжиӀащ Уэр папщӀэ: «Зиусхьэн, узыхуэдэр зэзгъэщӀэнщ».


Аращи, Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр, къригъэлыным пэжыжьэкъым, и щӀыхьыр ди щӀыгум тез ирехъу!


Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan