Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 13:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Ибрам икъукӀэ бейт, Ӏэщи, дыжьыни, дыщэи и куэдт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 13:2
17 Iomraidhean Croise  

Ибрам и Ӏуэхухэр фӀы хъуат абы и хьэтыркӀэ; иӀэт абы Ӏэщ цӀыкӀуи, Ӏэщышхуи, шыдхэри, унэӀутхэри, унэӀут бзылъхугъэхэри, къыдырхэри, махъшэхэри.


КъемэщӀэкӀырт абыхэм щӀыгур, зэгъусэу псэун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм я мылъкухэр апхуэдизкӀэ куэдти, ахэр зэгъусэу псэуфыртэкъым.


Ибрэхьим лӀыжь хъуат, и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтат. Зиусхьэным и нэфӀ къыщыхуат Ибрэхьим сыт ищӀыскӀи.


– Зиусхьэным икъукӀэ и нэфӀ къыщыхуащ си тепщэм, икӀи ар хъуащ щэджащэ. Езым къритащ абы мэлхэри выхэри, дыжьыни дыщи, унэӀут цӀыхухъухэри унэӀут бзылъхугъэхэри, махъшэхэри шыдхэри.


Абы иӀэт Ӏэщ цӀыкӀу хъушэхэри, Ӏэщышхуэ хъушэхэри, унэӀут куэди лэжьакӀуэ куэди, филишт цӀыхухэм щӀадзащ абы къефыгъуэу.


Арати, хъуащ Екъуб икъукӀэ, икъукӀэ бей, иӀэт абы Ӏэщ цӀыкӀу куэди, унэӀут бзылъхугъэ, хъулъхугъэ куэди, махъшэ куэди, шыд куэди.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* и Ӏуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэ щӀыкӀэ, а Ӏуэхугъуэ псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.


Пкъыр бгъэсэнми фӀагъ гуэр хэлъщ, ауэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным сыт и лъэныкъуэкӀи и фӀагъ къокӀ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум илъыным мы дунеймрэ къэкӀуэну дунеймрэ фӀыкӀэ ущегъэгугъри.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan