Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 11:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 – Чырбыш дгъэжынщи, мафӀэкӀэ дгъэжьэжынщ, – жаӀащ абыхэм. Арати, яӀэ хъуащ абыхэм мывэхэм я пӀэкӀэ чырбышхэр, сэхум и пӀэкӀэ щӀыгу мэзыш.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 11:3
19 Iomraidhean Croise  

– Дыухуэнщ ди щхьэм папщӀэ къалэрэ уафэм щӀэуэу чэщанэрэ, ди цӀэри дгъэӀунщ, щӀылъэ псом дыщызэмыбгрыкӀыу, – жаӀащ абыхэм итӀанэ.


АтӀэ дехынщи, щызэхэдгъэзэрыхьынщ абдежым абыхэм я бзэр, зым жиӀэр адрейм къыгурымыӀуэжу.


Сиддим аузым деж щыкуэдт мэзыш мащэхэр. Арати, Содомрэ Ӏаморрэ я пащтыхь щӀэпхъуэжахэр абыхэм ихуащ; къэнахэри бгыхэмкӀэ щӀэпхъуэжащ.


Гъуэгу махуэ теуващ Уэ къыхэпхар, благъэ зыхуэпщӀауэ, уи пщӀантӀэм щыпсэунур! Уи унэм, уи унэшхуэ лъапӀэм и фӀыгъэхэмкӀэ зыдгъэтхъэжынщ.


Ди гум фӀылъагъуныгъэ илъыну, фӀы щӀэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкӀэлъывгъэплъыж.


Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху.


ФыкъэдаӀуэ фэ, мыпхуэдэу жызыӀэхэр: «Е нобэ, е пщэдей мо къалэм е адрей къалэм дыкӀуэнурэ, зы илъэс дыкъэтынущ, дыщэхуэурэ икӀи тщэурэ ахъшэ къэдлэжьэнущ».


Фэ, цӀыху бейхэр, фыкъэдаӀуэ. Насыпыншагъэу къыфлъысынум щхьэкӀэ фыгъ икӀи фыпыхьэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan