2 КъуэкӀыпӀэмкӀэ къыщежьэри къакӀуэурэ, Шинар щӀыналъэм тафэ къыщагъуэтри, ахэр абдеж щытӀысащ.
Абы и пащтыхьыгъуэр япэ щӀыкӀэ мыпхуэдэу зэхэтт: Бабилон, Ерэх, Акъад, Халне. Ахэр ШынӀар щӀыналъэм щыӀэщ.
ЩӀылъэ псом щыщыӀар зы бзэрэ зы псэлъэкӀэрэт.
Абы къыхэкӀкӀэ, абы цӀэуэ фӀащащ: Бабилон; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдежым Зиусхьэным щызэхигъэзэрыхьащ щӀылъэ псом и бзэр, икӀи Зиусхьэным ахэр щӀылъэ псом щызэбгригъэкӀащ, абдежым къригъэкӀри.
И щхьэм папщӀэ ЛутӀ къыхихащ Юрдан псым и Ӏэшэлъашэ псори; ежьащ ЛутӀ кӀуэкӀыпӀэмкӀэ итӀанэ. Арати, зэхэкӀащ ахэр.
Мыр къэхъугъащ Шинар и пащтыхь Амрафэл, Еласарым и пащтыхь Ариох, Еламым и пащтыхь КъэдарлаӀомэр, Гоим и пащтыхь Тидал сымэ я махуэхэм: