9 – Щызэхурес уафэ щӀагъым щӀэт псыр зы щӀыпӀэм деж, икӀи кърехъу гъущапӀэ, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.
ФӀищащ Тхьэм уафэлъащӀэм уафэ. Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар етӀуанэ махуэт.
Абы и цӀэ лъапӀэм фригуфӀэ! Зиусхьэным лъыхъуэхэм ягухэр зэлърещтэ гуфӀэгъуэм.
Мы тхьэмыщкӀэр Тхьэм елъэӀуащ, Зиусхьэным ар къызэхихри, и къин псоми яхишыжащ.
Сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псоми я тхьэхэр тхьэ нэпцӀщ, ауэ Зиусхьэным къигъэщӀащ уафэхэр.
Апхуэдэу егупсысхэм Тхьэм и псалъэкӀэ уафэхэмрэ щӀылъэмрэ псым къыхищӀыкӀыу, псыкӀэ куэд щӀауэ къызэригъэщӀар ящӀэркъым.
Тхьэуэ сыт щыгъуи щыӀэ, уафэхэмрэ уафэхэм щыӀэ псомрэ, щӀымрэ щӀым тет псомрэ, хымрэ хым хэс псомрэ къэзыгъэщӀам и цӀэкӀэ а мелыӀычым тхьэрыӀуэ ищӀри, мыпхуэдэу жиӀащ: – Зэман куэд къэнэжакъым.