Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 1:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 КъигъэщӀащ, арати, Тхьэм уафэлъащӀэ, абыкӀэ зэщхьэщигъэкӀащ уафэлъащӀэм и щӀагъ щӀэт псымрэ абы и щӀыӀум тет псымрэ. Апхуэдэуи хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 1:7
15 Iomraidhean Croise  

– КъыхрекӀ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, жылэ зиӀэ удзыр, икӀи щӀыгум хэт жыгыр, езыхэм хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэр, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.


Щрехъу ахэр уафэлъащӀэм нэхугъэ, щӀылъэм тепсэн папщӀэ. Апхуэдэуи хъуащ.


ЖиӀащ адэкӀэ Тхьэм: – Къытрырехъуэ щӀылъэм псэущхьэхэр псэущхьэ лъэпкъыу, Ӏэщхэри, хьэпщхупщхэри, хьэкӀэкхъуэкӀэхэри езыхэм я лъэпкъыу. Апхуэдэуи хъуащ.


ФӀищащ Тхьэм уафэлъащӀэм уафэ. Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар етӀуанэ махуэт.


– Щызэхурес уафэ щӀагъым щӀэт псыр зы щӀыпӀэм деж, икӀи кърехъу гъущапӀэ, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.


ХабзэкӀэ Зиусхьэным къигъэщыпкъэжащ мыкӀуэдыж зэгурыӀуэныгъэу Абы Екъуб къызэригъэгугъар;


Ерусалим, усщыгъупщэмэ, си Ӏэ ижьыр прегъукӀ.


Я нэхъ уафэ лъагэхэми щӀыхь хуэфщӀ Абы, псыхэу уафэм я нэхъ лъагэхэми.


Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд


Махуэ къиным укъызэхрех Зиусхьэным, ди адэжь Екъуб и Тхьэм укърехъумэ.


– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – жаӀащ цӀыхухэм, ягъэщӀагъуэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan