6 АдэкӀэ жиӀащ Тхьэм: – Къыщрехъу псыкум уафэлъащӀэ икӀи къыгурырегъэкӀ абы псым псыр.
– Къыщрехъу нэхунэхэр уафэлъащӀэм – жиӀащ Тхьэм, – махуэр жэщым къыгуэкӀын папщӀэ. Щрет ахэр нэщэнэу, зэманхэр, махуэхэр, гъэхэр зэхэха хъун папщӀэ.
ЖиӀащ Тхьэм: – Псым псэ зиӀэ псэущхьэхэр хэз ирехъу, къралъэтыхь къуалэбзухэм, уэгум итрэ щӀым къыщхьэщыту.
Уэрэд къыхухэвдзэ Абы, щӀыхь уэрэд хужыфӀэ; Ӏуэху щӀагъуэхэу зэфӀихахэм ящывгъэгъуазэ.
Я нэхъ уафэ лъагэхэми щӀыхь хуэфщӀ Абы, псыхэу уафэм я нэхъ лъагэхэми.
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. И унэшхуэ лъапӀэм щӀыхь щыхуэфщӀ Тхьэм; и уафэ лъащӀэм щыӀэу щӀыхь хуэфщӀ Абы.
Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Махуэ къиным укъызэхрех Зиусхьэным, ди адэжь Екъуб и Тхьэм укърехъумэ.
Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.
Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи, зэрыфӀыр флъагъунщ. Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы зыхуэзыгъазэр.
Апхуэдэу егупсысхэм Тхьэм и псалъэкӀэ уафэхэмрэ щӀылъэмрэ псым къыхищӀыкӀыу, псыкӀэ куэд щӀауэ къызэригъэщӀар ящӀэркъым.