2 ЩӀылъэр зэпцӀтэкъым икӀи нэщӀт, кӀыфӀыгъэри щхьэщытт хышхуэ лъащӀэншэм; Тхьэм и Псэр щыхуарзэрт псы гущӀыӀум.
Абыхэм я щӀыгум хьэндыркъуакъуэхэр из ищӀащ, я пащтыхь сэрейхэми щигъэбэгъуащ ахэр.
и Ӏуэху щӀагъуэхэр фигу ивгъэлъ, и телъыджэхэр, хьэкуму ищӀахэр.
Си бзэгур си джийм иреубыд, сигу уимылъынумэ, Ерусалим я нэхъ гуфӀэгъуэу сымылъытэнумэ.
ЩӀыгум тетхэм щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, бдзэжьеишхуэхэм, кууупӀэ псоми,
Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.