Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 1:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 КъигъэщӀащ Тхьэм нэхунэ ин дыдэу тӀу: нэхунэ нэхъ иным махуэр зэригъэкӀуэн папщӀэ, нэхунэ нэхъ цӀыкӀум жэщыр зэригъэкӀуэн папщӀэ; къигъэщӀащ вагъуэхэри;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 1:16
22 Iomraidhean Croise  

Щрехъу ахэр уафэлъащӀэм нэхугъэ, щӀылъэм тепсэн папщӀэ. Апхуэдэуи хъуащ.


Дыгъэми мазэми щӀыхь хуэфщӀ Абы, лыдырэ вагъуэ псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы.


ЩӀыхь хурещӀ Зиусхьэным и цӀэм; Абы унафэ ищӀри, ахэр къигъэщӀащ;


Ди бийхэм уазэрытекӀуам папщӀэ макъышхуэкӀэ дрегуфӀэ, ди Тхьэм и цӀэкӀэ дреӀэт бэракъыр. УзыщӀэлъэӀу псори Тхьэм къыпхурещӀэ.


Сабийхэми сабий быдзафэхэми я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ, къыппэувыжхэм ягу къеуэу, уи бийхэмрэ лъыщӀэжакӀуэхэмрэ бгъэувыӀэну.


– А гузэвэгъуэшхуэ махуэхэм я ужь дыгъэр напӀэзыпӀэм ункӀыфӀынущ, мазэри къэунэхужынукъым. Вагъуэхэри уафэм къехуэхынущ, уафэм щыӀэ къарухэри къызэщӀэхъеенущ.


Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.


Дыгъэм езым и дахагъэр иӀэжщ, мазэми нэгъуэщӀ дахагъэ иӀэщ, вагъуэхэри аращ. Вагъуэхэм я дахагъэкӀэ зэщхьэщокӀ.


А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щӀыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan