12 КъыхэкӀащ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ удзыр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэ жыгыр. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
– КъыхрекӀ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, жылэ зиӀэ удзыр, икӀи щӀыгум хэт жыгыр, езыхэм хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэр, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.
Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар ещанэ махуэт.
Ягу зыми хригъэгъэщӀакъым Зиусхьэным; пащтыхьхэми яхуигъэбыдащ:
ЩӀым япэщӀыкӀэ пкъыр езыр-езыру къыхокӀ, итӀанэ щхьэмыж къещӀ, абы и ужькӀэ щхьэмыжым хьэдзэ ирещӀэ.
Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ. Пыжьей жыгым ахъуо, кхъуэбанэми жызум къыпачыркъым.
Жыласэм жылэ езыту, ишхын щӀакхъуи езыт Тхьэм фэри жылэ къывитынурэ фхуигъэбэгъуэнущ. Фи щыпкъагъэм фӀыуэ къыпэкӀуэри игъэбэгъуэнущ.
ЗыкъэвмыгъэпцӀэж. Тхьэм фэ зыкъывигъэгъэпцӀэнукъым. ЦӀыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ.
Уэшх куэдрэ зытешхэ щӀым, абы телэжьыхь цӀыхухэмкӀэ зи фӀагъ къыхэкӀ гъавэ къызыщыкӀым, Тхьэм и нэфӀ къыщохуэ.