Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




1 Мусэ 1:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 – КъыхрекӀ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, жылэ зиӀэ удзыр, икӀи щӀыгум хэт жыгыр, езыхэм хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэр, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




1 Мусэ 1:11
20 Iomraidhean Croise  

КъыхэкӀащ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ удзыр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэ жыгыр. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.


ЖиӀащ итӀанэ Тхьэм: – Аращи, Сэ фэстащ щӀылъэ псом сыт хуэдэ удз тетми, а псоми я жылэ къызыхэкӀ удз зэмылӀэужьыгъуэхэри, жылэ къэзыт пхъэщхьэмыщхьэ жыг лӀэужьыгъуэ псори; ахэр шхыныгъуэ фхуэхъунущ.


Зиусхьэну Тхьэм унафэ хуищӀащ цӀыхум, мыр жиӀэурэ: – Жыг хадэм ит дэтхэнэ жыгми къыпыкӀэр пшхыну ухуитщ,


ЩӀыгум зы чыци теттэкъым, зы удзи къэкӀатэкъым иджыри, сыту жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм тригъэшхатэкъым щӀылъэм уэшх, цӀыхуи щыӀэтэкъым щӀыгум телэжьыхьыну;


КъыхигъэкӀащ Зиусхьэну Тхьэм щӀыгум теплъэ гурыхь зиӀэ шхыныгъуэфӀ хъу сыт хуэдэ жыгхэри, жыг хадэм и курыкупсэм щигъэкӀащ гъащӀэ къэзыт жыгри фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгри.


ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.


Абы и псалъэ Екъуб къыжреӀэ, игъэува хабзэхэр, и хьэкумхэр – Израил.


Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.


Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?


ЩӀым япэщӀыкӀэ пкъыр езыр-езыру къыхокӀ, итӀанэ щхьэмыж къещӀ, абы и ужькӀэ щхьэмыжым хьэдзэ ирещӀэ.


Тхьэр зэрыхуейм тету пкъы кърет, дэтхэнэ зы жылэ лъэпкъми езым и пкъыр кърет.


Уэшх куэдрэ зытешхэ щӀым, абы телэжьыхь цӀыхухэмкӀэ зи фӀагъ къыхэкӀ гъавэ къызыщыкӀым, Тхьэм и нэфӀ къыщохуэ.


Си къуэшхэ, ахъуо жыгым зейтун къыпыкӀэн лъэкӀын? Е жызумейм ахъуо къыпыкӀэн лъэкӀын? Апхуэдэ дыдэу, псынэ шыугъэм псы ӀэфӀ къыхэкӀын лъэкӀынукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan