10 ФӀищащ Тхьэм абы «щӀылъэ», псым и зэхуэсыпӀэхэм яфӀищащ «хы». Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
Илъэгъуащ Тхьэм нэхугъэр зэрыфӀыр; къыхигъэкӀащ Тхьэм нэхугъэр кӀыфӀыгъэм.
Абы жиӀати, гъудэбадзэмрэ бадзапцӀэхэмрэ я хэкум бэ дыдэ щыхъуащ.
ЛъэгущӀэт ящӀа цӀыхухэр лъагэу еӀэт Зиусхьэным, цӀыху бзаджэхэр щӀым хегуэ.
Мы тхьэмыщкӀэр Тхьэм елъэӀуащ, Зиусхьэным ар къызэхихри, и къин псоми яхишыжащ.
Сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псоми я тхьэхэр тхьэ нэпцӀщ, ауэ Зиусхьэным къигъэщӀащ уафэхэр.