Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Пэжыр жызоӀэ, цӀыху гуэр иӀэмкӀэ арэзымэ икӀи Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъмэ, абы фӀагъыу хэлъыр инщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:6
23 Iomraidhean Croise  

Сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ сыпщогугъ сэ; Зиусхьэн, си Тхьэ, Уэращ жэуап езытыр.


ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.


ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.


– Дэри сыт тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ зауэлӀхэри Иуан. – Зыми и ахъшэ лъэщыгъэкӀэ къытевмых, зыми пцӀы тевмылъхьэ, лэжьапщӀэу къыват ахъшэмкӀэ арэзы фыхъу, – яжриӀащ абыхэм.


Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.


ГъащӀэ пэж жыхуэсӀэр Мэссихь сыхуэлэжьэнырщ, сылӀэми, и фӀагъ къызэкӀынущ.


Пкъыр бгъэсэнми фӀагъ гуэр хэлъщ, ауэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным сыт и лъэныкъуэкӀи и фӀагъ къокӀ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум илъыным мы дунеймрэ къэкӀуэну дунеймрэ фӀыкӀэ ущегъэгугъри.


Тшхынрэ щыгъынрэ диӀэмэ, абыкӀэ арэзы дыхъун хуейщ.


Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиӀэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиӀащ: «ИгъащӀэкӀэ ухыфӀэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan