Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 зи акъыл ныкъуэу, щыпкъагъэм пэжыжьэ цӀыхухэм я зэщыхьэныру пщӀэ зимыӀэрщ. Тхьэр гъэлъэпӀэныр абыхэм фейдэ хэкӀыпӀэу къафӀощӀ. Абыхэм пэӀэщӀэ зыщӀ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:5
34 Iomraidhean Croise  

– Жыгыр фӀымэ, къыпыкӀэри фӀынущ. Жыгыр Ӏеймэ, къыпыкӀэри Ӏеинущ; жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


Мы ӀуэхумкӀэ зыгуэр къыдэныкъуэкъуну хуеймэ, дэри Тхьэм и члисэ зэхуэсхэми нэгъуэщӀ хабзэ зэрыдимыӀэр ирырещӀэ.


Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.


ЦӀыху гуэрхэр абыхэм текӀри, пщӀэ зимыӀэ зэныкъуэкъуныгъэхэм хыхьащ.


Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.


Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэри щӀыхь зыхуэфащэу, бзитӀ зыӀумылъ лӀыхэу, фадэм димыхьэхыу икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ фыз хъыбархэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Пкъыр бгъэсэнми фӀагъ гуэр хэлъщ, ауэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным сыт и лъэныкъуэкӀи и фӀагъ къокӀ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум илъыным мы дунеймрэ къэкӀуэну дунеймрэ фӀыкӀэ ущегъэгугъри.


Пэжыр жызоӀэ, цӀыху гуэр иӀэмкӀэ арэзымэ икӀи Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъмэ, абы фӀагъыу хэлъыр инщ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.


Ианнийрэ Иамврийрэ Мусэ бегъымбарым зэрыпэувам хуэдэу, мы цӀыхухэри щыпкъагъэм поув. Ахэр зи акъыл ныкъуэ цӀыхущ, фӀагъ къызыпымыкӀ фӀэщхъуныгъэщ яӀэр.


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


Гъуэгу захуэм текӀри, гъуэщащ ахэр. Босор и къуэу Билеам зи цӀэм и гъуэгум техьащ. Ахъшэ къыхэхъуэн щхьэкӀэ, бзаджагъэ ищӀэну зыфӀэфӀар аращ.


Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.


Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.


мэ ӀэфӀ къызыпих удзу синнамон, смирнэ, ладан зи цӀэхэр, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэр, фадэр, зейтун дагъэр, хьэжыгъэ дэгъуэр, гуэдзыр зыми ищэхужыркъым; былымхэр, мэлхэр, шыхэр, гухэр зыми ищэхужыркъым; пщылӀхэри зыми ищэхужыркъым.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ и зинэмрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ Дунейм и пащтыхьхэми а къалэшхуэм зинэ дащӀащ. А къалэшхуэр мы дунейм и мылъкухэмкӀэ нэпсейуэ зэрыщытам щхьэкӀэ, дунейм и сатуущӀэхэр бей хъуащ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan